ЩIыхь зыхуэфащэ Къазбэч! Дунейр бэджыхъ лъакъуэм (интернетым) зэрызэпищIэрэ, дэнэкIэ къыщыхъу Iуэхугъуэхэми цIыхухэр щыгъуазэ псынщIэу мэхъу. Дэри апхуэдэу, абы и фIыгъэкIэ, зэхэтхащ ди адэжь Хэкум щыпсэу физикэ - математикэмкIэ доктор, профессор цIэрыIуэ ХъуэкIуэн Хьэзрэтэлий и къуэ Мурат Къэбэрдей Балъкъэр къэрал еджапIэ нэхъыщхьэм къызэрыIуагъэкIар. Дэ ди гурыфIыгъуэр ди Хэкужьыращ. Абы фIы къехъулIэмэ, догуфIэ, Iей къэхъумэ - ди гур хощI.
ЩIэныгъэ лъэщ зыбгъэдэлъ, дуней иным щацIыхуа ди къуэшым къытехьа лейр ди жагъуэ дыдэ хъуащ. Лъэпкъым и лIыхъужьхэу, щIэныгъэрылажьэу диIэхэм дахуэсакъыу щытын хуейщ.
ХъуэкIуэн Мурат хуэдэ, лъэпкъыр дызэрыгушхуэ щIалэм, къылъыкъуэкIа емыкIум псоми, зэрылъэпкъыу ди нэмысыр, ди пщIэр куэду егъэпуд. Лъэпкъыр зыIэтыр, лъэпкъым и цIэр лъапIэ зыщIыр, псом япэрауэ, щIэныгъэкIэ игъуэт зыужьыныгъэращ. Ди щIыналъэм имызакъуэу, Япунми щылэжьащ ХъуэкIуэныр. Абы щыгъуэми абы фIыуэ хужаIам дыщыгъуазэщ.
Къэрал ехьэжьахэм я пщIэр лъагэ зыщIыр апхуэдэ щIэныгъэ ин зыбгъэдэлъхэращ.
ХъуэкIуэным хуэдэ еджагъэшхуэ дэ дызэриIэм дропагэ, дрогуфIэ.
Хэхэс адыгэхэм къабгъэдэкIыу зыныпхудогъазэ лъэIукIэ. Мы щIалэм и Iуэхум уи щхьэкIэ ухэплъэну, къытехьа лейр зэхэбгъэкIыу, и увыпIэ тэмэму ептыжыну.
ПщIэ къыпхуэзыщI,
Шоджэн Фарук Арсландок,
Лидэр Плюралист Демократия Партия
29.09.2023 г
______________________